歌詞

Теткъым дунейм щы1эу ц1ыху жан
 Гук1и псэк1и зэ1умыхам
Зы псалъэ гуапи къэзмы1уэта
Зи гугъэ къабзи зымыгьэхьэзыра
Хабзэр набдзэщ гугъэр дамэщ
Напэр къабзэщ упэжамэ
Щ1алэ щыпкъэхэр дунейм щыкуэдщ
 Хъыджэбз ф1эраф1эхэр я 1эпэгъущ
Махуэхэр мак1уэ псалъэри хощ1
Лъабжьэ зимы1эм и къуэпсым щощ1
Псы бланэ гъуэгур псэм зэхищ1ам
Арщ уи ныбжьэгъухэм укъагъэпэжам
Псы бланэ гъуэгур псэм зэхищ1ам
Арщ уи ныбжьэгъухэр пэжу къыбгъэдэтам
Щапхъэр уи адэщ анэр бзэ 1эфщ1
Мы дуней нэхур зыф1эф1ыр уэрщ
Хэкури хабзэри зэдэт1ыгъынщ
Уи лъабжьэр быдэмэ уи къуэпсыр инщ
Written by: Резуан Маремуков
instagramSharePathic_arrow_out