歌詞

Фӏылъагъуныгъэ дэхащэр, си псэ
Уи нэфӏыцӏитӏым къыщӏех
Гугъэфӏурэ ныпхуэсщӏахэр, дахэ
Уи нэгум нуру къырех
Уи лъагъуныгъэмэ сызэпкъырех
Къафэурэ, джэгуурэ
Джэгум и фащэурэ
Нэ фӏыцӏэ пӏащэурэ
Уэ си дуней
Си дахэкӏей
Си гущӏэм мафӏэр щызэщӏэнащи
Сыныпӏуплъэхукӏэрэ сфӏес
Фӏылъагъуныгъэ пхуэсщӏащи щэхуу
Си щэхур нахуэм сфӏынос
Гъащӏэ насыпыурэ сыхущӏохъуэпс
Къафэурэ, джэгуурэ
Джэгум и фащэурэ
Нэ фӏыцӏэ пӏащэурэ
Уэ си дуней
Си дахэкӏей
Къафэурэ, джэгуурэ
Джэгум и фащэурэ
Нэ фӏыцӏэ пӏащэурэ
Уэ си дуней
Си дахэкӏей
Уэращ си гущӏэр зыгъэубзэфыр
Зыгъэӏэсэфыри уэрщ
Нэм уфӏэдахэуэ, псэм уфӏэӏэфӏу
Насыпу укъызитащ
Гъащӏэ насыпурэ укъызитащ
Къафэурэ, джэгуурэ
Джэгум и фащэурэ
Нэ фӏыцӏэ пӏащэурэ
Уэ си дуней
Си дахэкӏей
Къафэурэ, джэгуурэ
Джэгум и фащэурэ
Нэ фӏыцӏэ пӏащэурэ
Уэ си дуней
Си дахэкӏей
Къафэурэ, джэгуурэ
Джэгум и фащэурэ
Нэ фӏыцӏэ пӏащэурэ
Уэ си дуней
Си дахэкӏей
Written by: Фица Канкулов, Черим Нахушев
instagramSharePathic_arrow_out